- напIэ
- I веко/ Зэтехьэ-зэтекIыу нэ джэдыкIэм телъ фэ.* НапIэр гуфIэмэ, хьэщIэ къыпхуокIуэ, жаIэ. фольк.НапIэр гъэлIэн опустить глаза (букв. веки).* Уи напIэ гъалIи лIы зэгъэгъуэт, унэкур бгъуэтмэ уи джатэ къих. (погов. )НапIэр едзыхын опустить глаза (букв. веки), потупить взор.НапIэр зэтегъэуэн моргать.НапIэр зэтелъхьэн 1) сомкнуть глаза 2) см. лIэн.* НапIэр зэтеплъхьэмэ псори къэнэжащ. фольк.НапIэр зэтемылъхьэн не сомкнуть глаз.* А жэщым Хьэсэн зы сыхьэти и напIэ зэтрилъхьакъым. Къу. Хь.НапIэр къегъэлIыхын потупить взгляд, взор.{И} напIэр къелIыхын потупиться - о взгляде, взоре.{И} напIэ(р) къемыхын = {и} напIэр зэтемылъхьэн.* Мурадин умыжей жеIи нэху щыху и напIэ къемыхыу щысынщ. Iуащхь.{И} напIэр къехуэхын 1) веки сомкнулись.* ЩIалэм жейр къытеуэри и напIэр къехуэхащ. Iуащхь. 2) расстроиться, огорчиться.{И} напIэр мыхуэдэн (къемыхуэхын) 1) не стыдиться, не смущаться.* Апхуэдиз напэншагъэ зыщIар, къэсри, зыкIи и напIэ къемыхуэхыу, сэлам-чэламышхуэкIэ цIыхубзитIым къабгъэдыхьащ. Макъ. 2) сохранять спокойствие.* Шыжьым имыщIэ къигъэнакъым къридзыхын щхьэкIэ, ауэ Бэтэрэзым зыкIи и напIэ хуэдакъым. Нарт.НапIэ Iэтыгъуэ миг, мгновение.* ЩIалэр илъри, напIэ Iэтыгъуэм шым шэсащ. фольк.II лунка, гнездо (для растений)/ ГъэтIысхьэн, жылапхъэ сыт хуэдэ хагъэтIысхьэн щхьэкIэ хьэсэм, вагъэм хуащI кумбыгъэ.КIэртIоф напIэ.III оболочка, шелуха (семян и некоторых бобовых культур)/ КъэкIыгъэ языныкъуэхэм (ху, гуэдз, джэш) я хьэдзэр зрищIэ фампIэ.* Зы ху напIэм тIу ису, щы зэрысыр нэхъыбэу мэш бэвкIэ дохъуахъуэ. фольк.IV петля (напр. у веревки)/ КIапсэ кIапэ сыт хуэдэхэм хуащI илъэфыпIэ.* Шыбзыхъуэм шыкIэ аркъэн быдэ иухуэнам напIэ хуищIыжу щыст. Iуащхь.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.